Адыгэ псапащIэ и щIасэ
Онлайн апщий.
Адыгэ жыгзехьэ кIулътIурэм теухуауэ нэтын тетхынухэм папщIэ хэпшынэ есшэжьам кIэIунэ естыжыну сыхуейт. Тхьэмахуэ хуэдизым жылэ утыку сыщIихьа мылъку-былымыр зэпэщащ. Хэти игугъэнт апхуэдизу псынщIэу ди Iуэху зыхуей хуэзэну?! Ныщхьэбэр къыздэсым сом мин 176 208-рэ си банк картэм къралъхьащ. ИпэIуэкIэ зи гугъу сщIа кIахэ щIалэм илъэскIэ узэIэбэкIыжмэ къыхилъхьа мин 15-р дыщIыбгъужмэ сом мин 191 208-рэ мэхъу. Ар зэхуэсхьэсын сигугъам нэхърэ сом мин 18 203-кIэ нэхъыбэщ.
Мыри жыIэпхъэщ - зыгуэрхэм я фIэщ сыщIэмыхъуар сом дызыхуэныкъуэу згъэлъэгъуар етхьэжьа Iуэхум и инагъым елъытауэ зэрафIэмэщIаращ. Ди Iуэху и гупсысащхьэр къэралрэ-жылэкIэ хабзэ зэрытхуэхъуауэ пцIы дыупсу ахъшэ дызыхуэмей зэхуэтлъэфэсу зэхэтшхыхьэныракъым, атIэ дызыщIэхъуэпсыр зэрыхъукIэ мылъку нэхъ мащIэ текIуадэу зэфIэтхыныращ. ЦIыху куэд ди Iуэху псапапщIэу хэтщ, ахъши бохъши жамыIэу. Ахэми дащытепсэлъыхьын къытхуихуэнщ.
Си картэм илъыр жылэ ахъшэщ, абыкIэ жылэм я пащхьэ жэуап щызохь. ЗэрыжысIам хуэдэу, сом къэс зэрызгъэкIуэдыр утыку къислъхьэжурэ сщIынущ.
Къызыхэфх ныкъуэ мыхъуу Тхьэм фыщигъыIэ. Псалъэ гуапэ къызжезыIаи, си щыщIэныгъэ сэзыгъэлъэгъужаи, зы сомкIэ нэхъ мыхъуми къыхэпшынаи, ди Iуэхур хэIущIыIу зыщIаи - псори Тхьэм фигъэузыншэ. Фи фIэщ сыхъуащи, си фIэщу фыкъыщIэзгъэгугъа Iуэхум сыпэрытыну псалъэ фызот.
Мы тхыгъэр зыгуэрым лъэмыIэсу картэм ахъшэ кърилъхьэ хъумэ, хабзэ зэрыхъуауэ си напэкIуэцIым къыщызгъэлъагъуэурэ сщIынущ.
Ди Iуэху ахъшэ къыхэзылъхьауэ хъуар:
( Collapse )